Къафэкӏыхь. Уэлбанэкӏэжэщищ джэгум

Sdílet
Vložit
  • čas přidán 14. 06. 2023
  • "Нарт Хэкум", Ерокъуэхэ Бишер, Нэхущхэ Тимур сымэ къызэрагъэпэща джэгум щыщ зы теплъэгъуэ.
    Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21-22 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ»-кIэ йоджэ. Арщ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэмрэ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэмрэ зытехуэр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ «уэлбанэкIэ жэщищ»-и жаIэрт. Абы иужь гъэмахуэм игъуэт.
    Джэрмэн Iетногрэф Клем Густэв мэIуэтэж: «Жьымрэ псымрэ я тепщэ Созэрэщ и махуэр гъатхэкIэу ягъэлъапIэ; абы и нэщэнэщ лъапсэм щахъумэ кхъужьей къудамэ гъуар. Махуэшхуэр гъатхэкIэм, махуэм я нэхъ кIыхьыгъуэм хуозэ. А пIалъэм ирихьэлIэу Адыгейм (Circassia) и курыхым мафIэшхуэхэр щызэщIагъанэ. Тхьэмпэ зытемытыж кхъужьей къудамэ гъуар щIыпIэ Iэхуитлъэхуит деж яхьри, щыхатIэ, дауэдапщэм цIыхуу кърихьэлIам пэбжуэ шэху уэздыгъэ кIэращIэри, и щыгум кхъуеишхуэ фIагъэтIысхьэж. Абы иужь тыхьу бжэн зыбжанэ фIабз, махуищ хуэдизкIэ екIуэкI дауэдапщэм къриубыдэу жьымрэ уэшхымрэ щахъумэну Тхьэ йолъэIу. ИужькIэ щIалэгъуалэр мэджэгу, мэшэрашэ».
    Пшынауэр: Ӏэпсэхэ Дианэщ
    Къафэхэр: Пщыбийхэ Жанэ, Егъужокъуэхэ ӏэминэ, ХьэхъупащIэхэ ӏэстемыр, Битокъухэ Инал
  • Zábava

Komentáře • 10

  • @user-cc7wc1vw8p
    @user-cc7wc1vw8p Před rokem +1

    ❤❤❤

  • @user-tc6db4us2l
    @user-tc6db4us2l Před rokem +1

    ЕкӀури, дахэри, гур хэзыгъахъуэри мы къафэкӀэр аракъэ.☝️👍👍👍✊

  • @bcool9355
    @bcool9355 Před rokem +1

    👏👏👏

  • @nurdineley
    @nurdineley Před rokem +1

    Лъэщщ!

  • @rustamshuko2635
    @rustamshuko2635 Před rokem +1

    👍👍👍

  • @RinatKardanov
    @RinatKardanov Před rokem +4

    Упсэу! Тхьэм уригъэф1ак1уэ!

  • @user-uh8xl5cz1m
    @user-uh8xl5cz1m Před rokem +3

    👍👍👍👍

  • @ademey
    @ademey Před rokem +1

    Хэхэс пщынауэхэм я пащэр Жу Къэйхьэн, Хэкурысхэм яйри Апщэ Дианэщ. 😊

  • @Arsen_07.
    @Arsen_07. Před rokem +1

    👏👏👏👍

  • @user-tc6db4us2l
    @user-tc6db4us2l Před rokem +2

    Мис мыр къафэкъэ, лъапэрисэр Шэшэн къафэ ящӀыжауэ нэгъуэщӀ къафэ щымыӀэж хуэдэу къофэхэр.☝️👍👍👍✊